• А
  • Б
  • В
  • Г
  • Д
  • Е
  • Ж
  • З
  • И
  • К
  • Л
  • М
  • Н
  • О
  • П
  • Р
  • С
  • Т
  • У
  • Ф
  • Х
  • Ц
  • Ч
  • Ш
  • Э
  • Ю
  • Я
  • A
  • B
  • C
  • D
  • E
  • F
  • G
  • H
  • I
  • J
  • K
  • L
  • M
  • N
  • O
  • P
  • Q
  • R
  • S
  • T
  • U
  • V
  • W
  • X
  • Y
  • Z
  • #
  • Текст песни Къуныжь Хьэждал - Гуащэмахуэ и тхьэусыхэ

    Просмотров: 13
    0 чел. считают текст песни верным
    0 чел. считают текст песни неверным
    Тут находится текст песни Къуныжь Хьэждал - Гуащэмахуэ и тхьэусыхэ, а также перевод, видео и клип.

    ЛIым я леймрэ рэуиуа, а-а, шым я леймрэ
    Айра, сынырахьэжьэри, рэуэ ией,
    Уой, сы-Гуащэмахуэт, уэр, сэрмахуэ,
    Уойрэщ, жыфIэркъэ, сыгуащэ хужьт, атIэ!

    Сыгуащэти, рэуиуа, а-а, сы-Гуащэмахуэт
    Айрэ, сыгуащэ хужьти, рэуэ ией,
    Уой, сырамыхьэхыурэ, уэр, сэрмахуэ
    Уойрэщ, жыфIэркъэ, сыгъэрт, атIэ!

    Сырымэурэ, рэуиуа, а-а, си зэпэщIыIури
    Айра, мы жэщ мазэхэми, рэуэ ией,
    Уой, зэрогъэлъэлъри, уэр, сэрмахуэ,
    Уойрэщ, жыфIэркъэ, сы-Гуащэмахуэт сэ!

    Си нэпситIыр, рэуиуа, а-а, къысфIелъэлъэхыурэ,
    Айра, си адэм и унэми, рэуэ ией,
    Уой, сыдумыхащэрэт, уэр, сэрмахуэ,
    Уойрэщ, жыфIэркъэ, сы-Гуащэмахуэт сэ!

    Къуажэ-къуажэурэ, рэуиуа, а-а, сызыдэпхьэмэ,
    Айра, «КIахэ хьэщIэщ» жаIэри, рэуэ ией,
    Уой, си напэ хужьри, уэр, сэрмахуэ,
    Уойрэщ, жыфIэркъэ, къысхуагъэуцIыплъ, атIэ!

    Алътесымрэ, рэуиуа, а-а, чэсеймрэ
    Айра, мы бжьыхьэ жэпыми, рэуэ ией
    Уой, къызогъэгъэфри, уэр, сэрмахуэ,
    Уойрэщ, жыфIэркъэ, сы-Гуащэмахуэт сэ!

    Анидолэурэ, рэуиуа, а-а, си фэ плъыжь вакъэри,
    Айра, жэщырыкIуэными, рэуэ ией,
    Уой, къысхуегъэуфIыцIри, уэр, сэрмахуэ,
    Уойрэщ, жыфIэркъэ, сы-Гуащэмахуэт сэ!

    Къутыным хуэдэурэ, рэуиуа а-а, си бгъафэ хужьмэ,
    Айра, ДжатэгъэжьитIри, рэуэ ией,
    Уой, щызэблызохъури, уэр, сэрмахуэ,
    Уойрэщ, жыфIэркъэ, сы-Гуащэмахуэт сэ!

    Щолэхъужьурэ, рэуиуа, а-а, шы гъуабжэ кIэщIри,
    Айра, зэдэдишэнтти, рэуиуа ией,
    Уой, бланафэ шэтырри, уэр, сэрмахуэ,
    Уойрэщ, Ахъмэт и жьэгъум къыщысхуоухуэри!

    Гуащэмахуэ и хъыбару ди нэхъыжьхэм ди зэманым къахьэсар икъукIэ мащIэщ. А хъыбар мащIэу къахьэсауэ Къэбэрдейми, Шэрджэсми, Адыгейми щыттхыжауэ щыIэр зэтехуэркъым. Абы къыхэкIкIэ, а хэкущми къызэрыщаIуэтэжыр, кIэщIу нэхъ мыхъуми, къыжытIэн хуей мэхъу: ХьэхъупащIэ Амырхъанрэ Тхьэгъэлэдж КIырурэ къаIуэтэжа хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, адэ ижь зэманым зэгъунэгъуу, псэуа къуажитIым фIыуэ зэрылъагъуу зэныбжьэгъуитI дэст. А тIур щIэх-щIэхыурэ зэкIэлъыкIуэрт. «Зым къуэ иIэ хъумэ, адрейм пхъу иIэ хъумэ, зэрыдгъэшэнщ, ди ныбжьэгъугъэр нэхъри быдэ хъун щхьэкIэ» жаIэрт.
    Зэгуэрым зыр адрейм деж кIуауэ и фызыр лъхуауэ ирихьэлIащ. «Си ныбжьэгъум уи къуэм Джатэгъэжь цIэуэ фIызощ», - жиIэри фIищащ. Абы иужькIэ куэд дэмыкIыу къуэ къызыхуалъхуауэ щытар мыдрей и ныбжьэгъум деж къэкIуауэ, мыбыи къуэ къыхуалъхуауэ кърихьэлIащ. «Апхуэдэу щыхъуакIэ, уи щIалэми Джатэгъэжь фIызощ», - жиIэри фIищащ. Дэ тIур дызэрызэныбжьэгъуам хуэдэу ди щIалитIри зэныбжьэгъуу щрет, дунейм дехыжа нэужьи», - жаIащ.
    ЗэныбжьэгъуитIыр фIыуэ зэрылъагъуу куэдрэ дунейм тетауэ, жьы хъуауэ дунейм ехыжащ, я щIалитIыр къытранэри. «Уи адэ и лъагъуэжьрэ уи адэ и благъэжьрэ умыбгынэ» жыхуаIэрати, щIалитIыр - ДжэтэгъэжьитIыр - я адитIым ещхьу, зэныбжьэгъуу, фIыуэ зэрылъагъуу, щIэх-щIэхыурэ зэкIэлъымыкIуэм зэхуэзэшу зэхущытт.
    Зы махуэ гуэрым зы Джатэгъэжьыр и ныбжьэгъу Джатэгъэжьым деж къэкIуати, дэмысу кърихьэлIащ. И анэжьыр дэсти, и къуэм и ныбжьэгъу къэкIуар иригъэблэгъащ, Iэнэ къыхуищтащ, махъсымэ фалъи къыхуригъахъуэри игъэшхащ. Iэнэр Iуихыжа нэужь, уэршэру здэщысым, фызыжьыр щIалэм елъэIуащ:
    - А, си щIалэ, уи ныбжьэгъум таучэл ищIу къыхуэшэркъым, сэри жьы сыхъуащ, си закъуэщи, созэш, фи къуажэм хъун хуэдэ гуэр дэсмэ, укъыдэIэпыкъурэ къебгъашэркъэ, ныбжьэгъу жахуаIэращ, - жиIэри.
    - Ауэ сытми цIыхубз зэкIэлъыкIуэ дэс ди жылэм, ныбжьэгъум ар хуэзмыщIэм, хэт зыхуэсщIэнур, нэгъакIуэ къызэрысыжу, - жиIэри шэсыжащ щIалэр.
    ЩIалэм зи гугъу ищIар езыр зыпылъу къишэн и мурада я къуажэ дэс Гуащэмахуэт. КъыздэкIуэжу гъуэгу здытетым щIалэм щIегъуэж къихьащ. «Сыт щхьэкIэ фызыжьыр къэзгъэгугъа, си ныбжьэгъур къигъакIуэми, къахихынур Гуащэмахуэщ, апхуэдэу щыхъуакIэ езгъэлъагъункъыми зэфIэкIащ», - игукIэ жиIэурэ кIуэжащ.
    «НэгъакIуэ къызэрысыжу» жиIати, и ныбжьэгъур къыкIэлъыкIуащ. Мыдрейм и ныбжьэгъур игъэхьэщIащ, игъэлъэпIащ. Джэгум ишэри къуажэм хъыджэбзу дэсым яхигъэплъати, езыр зыпылъ Гуащэмахуэр къахихащ.
    Гуащэмахуэми къэкIуа Джатэгъэжьыр игу ирихьри дэкIуэну арэзы хъуащ. Арати, пасэрей хабзэм тету къылъыхъури иратащ, нэчыхьри ятхауэ, щашэну пIалъэри къратауэ дэсу, мыдрей япэ пылъа Джэтэгъэжьыр щIегъуэжащ: «Сэ си къэшэныр сыт щхьэкIэ еста си ныбжьэгъум», - жиIэри.
    - СыщIегъуэжащ, абы удэмыкIуэу сэ къыздэкIуэ, - щыжриIэм, Гуащэмахуэ идакъым.
    - Ар дауэ хъун? Апхуэдэ емыкIу щхьэ жыпIэрэ? Ар ущимурадым къысхуэпшэу сыт щхьэкIи къыспыбгъэхьа? ЖумыIэххэ! - жиIащ Гуащэмахуэ.
    АрщхьэкIэ, апхуэдизкIэ ехъуэпсэжат, щIегъуэжати, шу гуп зригъэпэщри, теуэри Гуащэмахуэр ирихьэжьащ.
    Бзэгур куэдрэ, нэчыхь зыхуиIэ Гуащэмахуэр и ныбжьэгъур къепцIыжу зэрырихьэжьар псынщIэ дыдэу мыдрей Джатэгъэжьым зэхихащ. Абыи шу гуп зригъэпэщри хабзэкIэ и щхьэгъусэ хъуар къытрихыжыну яужь иуващ. ЩIэупщIэм, «мо къуажэм ихьащ» къыжраIэм, адрейм а къуажэм дихым нэгъуэщIыпIэ ихьурэ куэдрэ къызэрехуэкIа нэужь, Ахъмэтыбгым, «Ахъмэт и фо изщ» жыхуаIэ бгым и жьэгъум, бланафэ шэтыр щыхуищIауэ щыпсэууэ къигъуэтащ. Пхъэрыр щытеуэм, Гуащэмахуэр къызэригъэувэкIри, езым Ахъмэт и бгыхумкIэ щитхъури ежьэжащ. Мыдрейм хъыджэбзыр къихьри къэкIуэжащ. АрщхьэкIэ, зэман щыдэкIым, зэщIэгупсысыжри, «мыпхуэдизу мыр къыщIызэфыгъуэжар сэ фыз схуэхъункъым» жиIэри, ихьыжри езыхьэжьауэ щытам и пщIантIэм худигъэувэжащ, - аращ къэбэрдейх

    Guaschemahumi kekek Iua Jategazhyr igu irichri dekIuenu area huash. Arati, paserey habzem tetu kylyyhuri urratsch, nechichri yathaue, shashenu pIal'eri krataue desu, caprice yape pyla Dzhegegyezhr shieguezhashzh: "Se si keshenyr syt siebie ees, eh siebie ees.
    - SyschIeguezhashch, anyway UdemykIueu se kyzdekIue - ShyzhriIem, Guashemahue idakym.
    - Ar Dawe Hyun? Uphuede emykIu schhy zhypIere? Ar pashimuradym kyshuepsheu is full of schhyekI and kyspybgyehe? ZhumaIhehe! - Living Guaschaemahue.
    ArshkhyekIe, uphizizkIe ehuepsesyat, schIeguezhati, shu gup zrigepeshtri, teuer Gushechamahuer irrihazhashch.
    Bzegur kuedred, nechikh zihui Ie Guaszemahuer and nybzhegegur kepetsIzhu zeryrihyegzhar psynchIe dydeu captain Jategazhy zahihash. Abyi shu gup zrgyepeschri habzekIe and schkheguse huar kytrihyzhynu yauzh uvash. Shcheeupshchiyem, “my kuazhem ihashash” kyzhraIem, adraym kyuazhem dykhim neguyeshIypi ihure kuedre kyyzerehuekIa neuzhu, Akhmetybgym, “Akhamet and foe izshyge shyuebee bai Phaerir schyteuem, Guaschemahuer kyizerigueuvekIri, ezym Akhamet and bgykhumkIe shieldhuri hedgehog. Mudraim hyejebzyr kihyri kyekIuezhashch. ArshkhyekIe, Zeman ShchydekIyim, ZeshIegupsysyry, "Miphuadizu myr kyshch Iyzefyguezhar se fyz shuheyunkyim" ZhiIeri, ihyzhry ezyhyezheue schytam and pchIantIezhezhebizhege-hezhige-e,

    Опрос: Верный ли текст песни?
    ДаНет